ПэнцӀывгъэша хэкӀыгъуэр (лат-бз. Procellariiformes) — къызэщӀеубыдэ зи теплъэкӀи, инагъкӀи ину зэщхьэщыкӀ хы къуалэбзу гупышхуэ.
Быдэу зэхэщӀыхьахэщ, цы Ӏув ятетщ; пӀащэхэм ч. 12-м нэс къашэч, нэхъ цӀыкӀухэм я хьэлъагъыр г. 42-м нос. ПхузэхэмыгъэкӀыу анэхэри хъухэри зэщхьщ, я гъуэлъхьэгъуэр зы джэдыкӀэщ. Я пэхэр инагъкӀэ курытщ, пэнцӀывыр къегъэшыхащ, пэзджынэхэм бжьэмий теплъэ яӀэщ.
ХэкӀыгъуэм и гъунэгъу дыдэу мэхъу вымпӀу хэкӀыгъуэри.