dcsimg

Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Anseriformes) — къуэдзитӀрэ, лӀэужьыгъуэ 145 хуэдизрэ мэхъу.

Къэрал куэдым щыӀэщ. И инагъкӀэ курыт е пӀащэхэщ. Я пкъыр быдэу зэхэщӀыхьащ, кӀагуэхэщ, дамэ папцӀэхэщ. ЩӀагъуэу зекӀуэфхэкъым, ауэ дэгъуэу мэлъатэ, йос.

Ӏусыр икъукӀэ зэщымыщщ: бдзэжьей, елыркъэщ теплъэхэр, хьэпщхупщ, псыщӀагъ псэущхьэ, къэкӀыгъэхэр.

Бжьыхьэм, лъэтэжын ипэкӀэ, лъынэ ин ящӀ. ЩӀылъэрыгъуалъхьэхэщ.

ЗэхэгъэкӀыгъэр

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors