Бзудамэху (лат-бз. Melanocorypha leucoptera) — бзухьэгуагуэ лъэпкъщ, унэбзу хэкӀыгъуэщ.
И щхьэшыгур гъуэ-тэхущ, тхыцӀэр гъуабжэ-пшахъуафэщ, кусэ жьгъейхэр хэлъу. И дамэкӀэ къабзийхэм (къабзий пхъашэхэр) я зэхуэдитӀыр хужьщ.
Куэду уащыпэщӀохуэ Урысейм и тафэхэм. Къауъказым и тафэ, къум губгъуэхэм щыгъуалъхьэу хуагъэфащэ.
ЩӀымахуэм Къауъказым щыплъагъунущ жыг хадэхэм, мэз лъапэхэм, сэхуран, гуэдз, щӀэп зыщащӀэ хьэсэхэм, псом хуэмыдэу вэнвеищӀэ зыхалъхьам, апхуэдэуи силос мащӀэ гъунэгъухэм, щхьэлхэм екӀуалӀэ гъуэгу гъунэхэм.