Жьецкъуэлэн (лат-бз. Circus melanoleucos) — къашыргъэ лъэпкъым хыхьа жьец гупым щыщщ.
Хъум и щхьэр, тхыцӀэр, дамэкур — фӀыцӀэщ; дамэкӀэр, кӀащхьэр, бгъэгур — хужьщ; хулъэр, жьэгъур — фӀыцӀэщ. Анэхэм я тхыцӀэр гъуафу щытщ, ныбафэр хужьыфэщ. Шырхэм, зи ныбж илъэс иримыкъуахэм я теплъэр зэхуэдэщ: тхыцӀэр, ныбэр — гъуафэщ; кӀащхьэр — гъуэ-плъыфэщ.
Щопсэу Монголым, Хъутейм и ищхъэрэ лъэныкъуэм, Сыбырым и Байкал щӀыбагъым, КъухьэпӀэ Азиэм. Абгъуэр щӀым щещӀыр. ДжэдыкӀи 3-6 ирелъхьэ. Тесыр анэращ.