dcsimg

Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Galliformes) — дэнэ щӀыпӀи щыпсэу къуалэбзу хэкӀыгъуэщ.

Теплъэр

ИнагъэкӀэ курытхэщ. Ди къэралым джэд хэкӀыгъуэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэ ныбгъуэм къешэч г. 80-120, нэхъ пӀащэм хъунгъарым ч. 6-м нэс.

ЗэрыщӀылъэ пэущхьэхэм папщӀэ, быдэу зэхэщӀыхьахэщ, щхьэцӀыкӀухэщ, пщэ, пэ кӀэщӀхэщ. Дамабгъуэ кӀэщӀхэщ, лъэпхъэшыным хуэгъэщӀауэ лъакъуэ лъэщщ. Хъухэр (адакъэхэр) нэхъ инщ, щӀэращӀэщ анэхэм ялъытауэ. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэхэр илъэсым зэщ зэрыгъуалъхьэхэр, джэдыкӀи 4-25-рэ къакӀэц. Бжыхьэм зэ цы япхъыж.

Ӏусыр

Я Ӏусыр къэкӀыгъэхэкӀщ, и нэхъыбэм щӀылъэм къалъыхъуэр, нэхъ мащӀэу яшх хьэпщхупщ, ауэ шырхэм щхьэкӀэ нэхъыщхьэу щытщ.

ХэкӀыгъуэм и зэгъэзэхуэгъуэр

Джэд теплъэхэр лъэпкъитху зэхокӀхэр:

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors